Маттэ 12
12
12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм гуэдз щхьэмыжхэр щэбэт махуэм къызэрыпачар
(Марк 2:23-28; Лука 6:1-5)
1Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэр мэжэлӀати, гуэдз щхьэмыжхэр къыпачурэ яшхыу щӀадзащ щэбэт махуэ#12:1 щэбэт махуэр – журтхэм я махуэ лъапӀэщ. А махуэм Ӏуэху ящӀэну зыри хуиткъым. гуэрым. 2Фарисейхэм#12:2 фарисейхэр – еплъ 3:7. ар щалъагъум, Хьисэ къыжраӀащ:
– Еплъыт, щэбэт махуэм хабзэкӀэ пщӀэ мыхъунур#12:2 пщӀэ мыхъунур – Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм и унафэм тету, щэбэт махуэм гуэдз къэпх хъунутэкъым. Еплъ 2 Мусэ 34:21. уи гъуэгу ирикӀуэхэм ящӀэ.
3– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам#12:3-4 абы ищӀар – еплъ Самуел бегъымбарым и хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым (1-я Царств) 21:1-6. феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ. 4– Ар Тхьэм и унэм щӀыхьэри, Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр#12:4 Тхьэм и пащхьэм цӀыхухэм иралъхьа щӀакхъуэр – еплъ 3 Мусэ 24:5-9. езыми и гъусэхэми яшхащ. ХабзэмкӀэ дин пашэхэм фӀэкӀ нэгъуэщӀ гуэрым а щӀакхъуэр ишх мыхъуну щытащ, ауэ Даути и гъусэхэми яшхащ. 5Дин пашэхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, щэбэт махуэм лажьэурэ, а махуэр ямыгъэлъапӀэ пэтми,#12:5 дин пашэхэр щэбэт махуэм лажьэурэ, а махуэр ямыгъэлъапӀэ пэтми – абыхэм Тхьэм къурмэн хуащӀурэ Ӏуэху ящӀэрт. Еплъ Мусэ бегъымбым и еплӀанэ тхылъым 28:9-10. лажьэ ямыӀэу къызэрынэр Мусэ и Торэт хабзэм зэритми феджакъэ? 6Ауэ сэ вжызоӀэ, Тхьэм и унэшхуэм нэхърэ нэхъ лъапӀэу зыгуэр къыфхэтщ. 7«Къурмэн щӀыныракъым сызыхуейр, атӀэ гущӀэгъур арщ» – Тхьэм жиӀа а псалъэхэм#12:7 Тхьэм жиӀа псалъэхэр – еплъ Хьошеа (Осие) бегъымбарым и тхылъым 6:6. къригъэкӀыр къывгурыӀуэу щытатэмэ, лажьэ зимыӀэхэр вгъэкъуэншэнтэкъым; 8сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр#12:8 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ 8:20. щэбэт махуэм и зиусхьэнщи.
Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Марк 3:1-6; Лука 6:6-11)
9Хьисэ а щӀыпӀэм икӀри, журтхэм я синэгуэгум#12:9 синэгуэгу – еплъ 4:23. щӀыхьащ итӀанэ. 10Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр щӀэтт абы. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ, къеупщӀащ:
– Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ, хьэмэ къемызэгърэ?
11– Фэ фщыщу хэт и мэл закъуэр щэбэт махуэм мащэм ихуамэ, къизымыхыжынур? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 12– ЦӀыхур мэлым нэхърэ куэдкӀэ нэхъ лъапӀэкъэ? Аращи, щэбэт махуэм фӀы пщӀэну хабзэм къозэгъ.
13Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ:
– Уи Ӏэр къэший!
ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.
14Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.
Тхьэм езым хуэлэжьэну къыхихар
15Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ. 16Ауэ Хьисэ езыр хэтми цӀыхухэм кърамыгъэщӀэну абыхэм яриухылӀащ. 17Апхуэдэу щӀэхъуар Мэссихь теухуауэ Тхьэм жиӀауэ Ешайа бегъымбарым и тхылъым ит мы псалъэхэр#12:17 Тхьэм жиӀауэ … мы псалъэхэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 42:1-4. пэж хъун щхьэкӀэщ:
18«Мыращ къысхуэлэжьэну къыхэсхар.
Ар фӀыуэ солъагъу, си гум ирихьыр арщ.
Сэ си псэр абы и гум ислъхьэнурэ,
хамэ лъэпкъхэр щыпкъагъэм иригъэдэӀуэнущ абы.
19Хьэлэбэлыкъ макъ игъэӀунукъым абы икӀи гуоунукъым.
Абы и макъыр уэрамхэми зыми щызэхихынукъым.
20НыкъуэкъищӀыкӀ хъуа* къамыл кърищӀыкӀынукъым,
ерагъыу блэ уэздыгъэку#12:20 ныкъуэкъищӀыкӀ хъуа къамыл … ерагъыу блэ уэздыгъэку – зи щхьэ зымыхъумэжыф, къару зимыӀэ цӀыхухэращ. игъэункӀыфӀынукъым,
щыпкъагъэр тригъэкӀуэху.
21Лъэпкъхэр зыщыгугъыу зыпэплъэр Аращ».
Хьисэрэ жин бзаджэхэм я пашэ Велзевулрэ
(Марк 3:20-30; Лука 11:14-23; 12:10)
22Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы нэф икӀи бзагуэ гуэр Хьисэ деж къашащ цӀыхухэм. Хьисэ лӀым и бзэр къригъэутӀыпщыжьащ, и нэхэри къригъэплъэжащ. 23ЦӀыху гупышхуэм, хуабжьу ягъэщӀагъуэу, жаӀащ:
– Мыр Даут и Къуэу#12:23 Даут и Къуэр – еплъ 9:27. Мэссихьыр#12:23 Мэссихь – еплъ 1:17. армырауэ пӀэрэ?
24Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ:
– Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул#12:24 Велзевул – еплъ 10:25. и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
25Ауэ Хьисэ, абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, яжриӀащ:
– Дэтхэнэ къэралри, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, зэхэкъутэнущ. Абы ещхьу, ар ирекъалэ е иреунагъуэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, щыӀэжын лъэкӀынукъым. 26ШейтӀаным цӀыху гуэр зыӀыгъ шейтӀаныр абы хихумэ, езым и щхьэкӀэ лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъуауэ арщ. Апхуэдэу хъумэ, абы и тепщэныгъэр щыӀэжын дауэ лъэкӀыну? 27НтӀэ, сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм Велзевул и къарукӀэ щахэсхукӀэ, фэ фи цӀыхухэм жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрыхахужыр хэт и къарукӀэ? Аращи, фэ фи цӀыхухэрщ фызыгъэкъуэншэнур. 28Ауэ сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахэсхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и ӀэмыркӀэщи, абы къикӀыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыфхыхьауэ арщ.
29– Абы ещхьу, лӀы къарууфӀэ гуэрым и унэ щӀыхьэу, абы и хьэпшыпхэр къихъунщӀэн зылъэкӀынур хэт, лӀы къарууфӀэр япэщӀыкӀэ имыпхмэ? А лӀыр ипхэмэ, абы и унэр къихъунщӀэн лъэкӀынущ.
30– Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу зэхуэзымыхьэсым зэбгредз. 31Аращи, нывжызоӀэ, цӀыхухэм сыт хуэдэ гуэныхь ящӀами, сыт хуэдизу Тхьэр ягъэпцӀами, къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ, хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым. 32Хэту щытми, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм къыхуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм псалъэ Ӏей хужызыӀэм мы дунейми ахърэтым къыщыхуэгъунукъым.
Жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ пщӀэнущ
(Лука 6:43-45)
33– Жыгыр фӀымэ, къыпыкӀэри фӀынущ. Жыгыр Ӏеймэ, къыпыкӀэри Ӏеинущ; жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ. 34Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ. 35ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀым фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэм игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэ къыдокӀуэ. 36Сэ нывжызоӀэ, цӀыхухэм жаӀэ дэтхэнэ зы псалъэ купщӀэншэми щхьэкӀэ къемэтмахуэм деж Тхьэм жэуап иратыжын хуей хъунущ; 37уи псалъэхэм елъытауэ, Тхьэм уиухеинущ икӀи уи псалъэхэм елъытауэ Тхьэм уигъэкъуэншэнущи.
Уафэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къахуригъэхыну фарисейхэр Хьисэ къызэрелъэӀуар
(Марк 8:11-12; Лука 11:29-32)
38Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ящыщ гуэрхэм Хьисэ къыжраӀащ:
– Дин егъэджакӀуэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр дыбгъэ-лъагъуну дыхуейщ.
39– Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым#12:39 Инус бегъымбарыр – еплъ Инус бегъымбарым и хъыбар зэрыт тхылъым (Ионэ) 1:17. и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм нэщэнэ къаритынукъым; 40Инус бегъымбарыр бдзэжьей иным и ныбэм жэщищ-махуищкӀэ зэрилъам ещхьу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри щӀылъэм и кууупӀэм жэщищ-махуищкӀэ щӀэлъынущ. 41Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ящӀа гуэныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ. 42Абы ещхьу ипщэ къэралым щыщ пащтыхь цӀыхубзыр#12:42 пащтыхь цӀыхубзыр – еплъ Пащтыхьхэм я хъыбархэр зэрыт япэ тхылъым (3-я Царств) 10:1-10., къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ, икӀи ахэр къигъэкъуэншэнущ. А пащтыхь цӀыхубзыр Сэлмэн пащтыхьым#12:42 Сэлмэн пащтыхьыр – Соломон пащтыхьыр арщ. и акъылыфӀагъэм едэӀуэн щхьэкӀэ щӀылъэм и гъунэ дыдэм къикӀри, къэкӀуащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Сэлмэн пащтыхьым нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.
Жин бзаджэм къызэригъэзэжыр
(Лука 11:24-26)
43– Жин бзаджэ гуэр, цӀыху гуэрым къыщыхэкӀыжкӀэ, псы здэщымыӀэ губгъуэ нэщӀым макӀуэри, зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ лъыхъуэурэ къекӀухь, ауэ игъуэтыркъым. 44Зыщигъэпсэхун щӀыпӀэ щимыгъуэткӀэ, жеӀэ: «Сызыхэса цӀыхум, си унэу щытам деж, згъэзэжынщ». Абы деж къегъэзэжри, унэр нэщӀу, пхъэнкӀауэ, зэлъыӀухауэ кърохьэлӀэж. 45Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.
Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ
(Марк 3:31-35; Лука 8:19-21)
46А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт. 47Хьисэ зыгуэрым къыжриӀащ:
– Мес, уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ къэкӀуауэ, къопсэлъэну хуейуэ пщӀантӀэм дэтщ.
48– Хэт си анэри, хэт си къуэшхэри? – еупщӀащ Хьисэ ар къыжезыӀам. 49ИтӀанэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Ӏэ яхуищӀри, жиӀащ:
– Мыхэращ сэ си анэри си къуэшхэри; 50сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хэту щытми, си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.
Currently Selected:
Маттэ 12: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017