YouVersion Logo
Search Icon

Апостол. 8

8
8-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ.
Члисэ зэхуэсым щыщхэр Щаул къызэрихуэкӀыу зэрыщытар
Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ. 2Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъ цӀыхухэм Стефан щӀалъхьэжри, хьэдагъэшхуэ хуащӀащ. 3Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.
Филипп хъыбарыфӀыр Самарие хэкум цӀыхухэм щахуиӀуатэу зэрыщытар
4ЗэбгрыкӀа цӀыхухэм къакӀухьурэ, хыбарыфӀыр яӀуатэрт. 5Филипп#8:5 Филипп – апостолхэм езыхэм къадэӀэпыкъуну хаха лӀиблым языхэзщ. Еплъ 6:5. Самарие хэкум#8:5 Самарие хэкур – еплъ Маттэ 10:5. щыщ къалэ гуэрым кӀуэри, абы дэс цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыр яхуиӀуэтащ. 6ЦӀыхубэр Филипп и псалъэхэм едаӀуэурэ, абы илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъукӀэ, и псалъэхэр я гум хыхьэрт; 7сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэд зыӀыгъ жин бзаджэхэр кӀийуэ яхэкӀырт, зи пкъыуэ хъуа цӀыху куэди лъашэхэри Филипп игъэхъужырт. 8А къалэр гуфӀэгъуэшхуэм зэщӀищтащ апхуэдэурэ.
9А къалэм Симон зи цӀэ гуэр дэст. Зэман зыкъомкӀэ удыгъэм хэтауэ, цӀыхушхуэу закъыфӀигъэщӀурэ, Самарие дэсхэр ихьэхуат абы.
10«Мы лӀыр Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу „ЛъэкӀыныгъэ Ин“ жыхуаӀэращ», жаӀэрэ, цӀыху псоми, инми цӀыкӀуми, я гум хыхьауэ, Симон жиӀэхэм едаӀуэрт. 11УдыгъэкӀэ зэрыдихьэхрэ куэд щӀати, абы ахэр ягуапэу едаӀуэрт. 12Ауэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыфӀымрэ Хьисэ Мэссихьым и цӀэм теухуа хъыбарыфӀымрэ Филипп ахэр иригъэдаӀуэурэ, фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъум, цӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Филипп зрагъэумэхъащ. 13Езы Симони ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъущ, зригъэумэхъри, Филипп и ужь ит хъуащ. Филипп къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри илэжьа Ӏуэху телъыджэхэри щилъагъукӀэ, Симон игъэщӀагъуэрт.
14Ерусалим дэс апостолхэм Самарие цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр къабыл зэращӀар щызэхахым, Петррэ Иуанрэ абыхэм я деж ягъэкӀуащ. 15Абы щынэсым, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум хыхьэну Петррэ Иуанрэ Тхьэм яхуелъэӀуащ; 16сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр абыхэм ящыщ зыми иджыри къахуехатэкъым, Зиусхьэну Хьисэ и цӀэкӀэ Филипп ахэр иумэхъа къудейт. 17Апхуэдэу щыхъум, Петррэ Иуанрэ я Ӏэхэр абыхэм тралъхьэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум илъ хъуащ.
18Апостолхэм я Ӏэхэр тралъхьэу, а цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр я гум илъ зэрыхъуар Симон щилъагъум, апостолхэм ахъшэ къахуихьри, мыпхуэдэу жиӀащ:
19– Си Ӏэхэр цӀыху гуэрым щытеслъхьэкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум хыхьэн щхьэкӀэ, сэри мы лъэкӀыныгъэр къызэфт.
20– Уэ уи ахъшэри уэри фызэдрекӀуэд Тхьэм и тыгъэр къэпщэхуфын къызэрыпфӀэщӀам щхьэкӀэ, – жриӀащ Петр. 21– Уэ уи гур Тхьэм дежкӀэ щыпкъэу зэрыщымытым къыхэкӀкӀэ, мы Ӏуэхум ущыщкъым, уи Ӏыхьи хэлъкъым. 22Аращи, бзаджагъэу блэжьам хущӀегъуэжи, Тхьэм елъэӀу. Мыхъун мураду уиӀэр Тхьэм къыпхуигъэгъункӀи хъунщ; 23сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэныр уэ уи гум хэпщӀауэ, бзаджагъэм узэщӀиубыдауэ зэрыщытыр солъагъу.
24– Фэ жыфӀам щыщ зыри къысщымыщӀыну Тхьэм фысхуелъэӀу, – жиӀащ Симон.
25Апостолхэр Зиусхьэным щыхьэт хуэхъури, абы и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдэӀуа нэужь, Самарие хэкум щыщ жылагъуэ куэдым хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щыхуаӀуатэурэ, Ерусалим ягъэзэжащ.
Филиппрэ Ефиопие къэралым щыщ Ӏэтащхьэмрэ
26– Тэдж, Ерусалим дэкӀи, Газэ къалэм#8:26 Газэ къалэр – Ерусалим километр 85-кӀэ пэжыжьэу, абы и ипщэрабгъу – къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ хы Ӏуфэм Ӏутщ. кӀуэ гъуэгум шэджагъуэм деж техьэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым Филипп. Ар губгъуэ нэщӀым ухуэзышэ гъуэгущ. 27Арати, Филипп тэджри, гъуэгу техьащ. КӀуэурэ, Ефиопие къэралым щыщ лӀы гуэр къыӀущӀащ. А лӀыр Ефиопием и пащтыхь Кандакие зи цӀэ цӀыхубзым хуэлажьэ Ӏэтащхьэхэм ящыщт. Пащтыхьым и мылъку псори абы и ӀэмыщӀэ илът. А Ӏэтащхьэр, Тхьэм елъэӀун папщӀэ, Ерусалим къэкӀуат. 28Ар и къэралым гум ису здэкӀуэжым, Ешайа бегъымбарым и тхылъым еджэрт.
29– А гум бгъурыхьи, бгъэдэтурэ кӀуэ, – къыжриӀащ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп.
30Гум бгъурыхьэри, а лӀыр Ешайа бегъымбарым и тхылъым зэреджэр щилъагъум, Филипп жиӀащ:
– Узэджэм къикӀыр къыбгурыӀуэрэ?
31– Зыгуэрым зэхызимыгъэщӀыкӀмэ, дауэ къызэрызгурыӀуэнур? – жиӀащ Ӏэтащхьэм. Ар Филипп елъэӀуащ:
– КъыдэкӀуеи, къызбгъэдэтӀысхьэ.
32Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщу Ӏэтащхьэр зэджар мы псалъэхэращ:#8:32-33 мы псалъэхэращ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 53:7-8.
«Мэлым хуэдэу фӀагъэжыну яшащ.
Зыщым и пащхьэм щынэр
щэху хъуауэ зэритым хуэдэу,
абыи и жьэр зэтрихакъым.
33Езыр ягъэпудащ икӀи хабзэм
къемызэгъыу хьэкум тращӀыхьащ.
А зэманым псэуа цӀыхухэм я бзаджагъэр
здынэсыр къипщын зылъэкӀынур хэт?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и псэр
мы дунейм щыхахащ».
34– КъызжепӀэну сынолъэӀу: Бегъымбарыр зытепсэлъыхьыр хэт? Езыра хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэр? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Филипп.
35Апхуэдэу къыщеупщӀым, Филипп Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт а псалъэ дыдэхэмкӀэ къыщӀидзэри, Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр Ӏэтащхьэм хуиӀуэтащ.
36Гъуэгум ирикӀуэурэ, псы гуэр деж нэсауэ, Ӏэтащхьэм жиӀащ:
– Мис псы. Сыбумэхъ#8:36 умэхъыныр – еплъ Маттэ 3:1. хъунукъэ?
37– Уигу псомкӀи фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, узумэхъ хъунущ, – жриӀащ Филипп.
– Хьисэ Мэссихь Тхьэм зэри-КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ сиӀэщ, – жиӀащ Ӏэтащхьэм.
38Ӏэтащхьэм гущхьэӀыгъым къригъэгъэувыӀэщ, Ӏэтащхьэмрэ Филиппрэ псым хыхьэри, Филипп Ӏэтащхьэр иумэхъащ. 39Псым къызэрыхэкӀыжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Филипп нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым напӀэзыпӀэм ихьащ, Ӏэтащхьэми Филипп илъагъужакъым. ГуфӀэгъуэм хэту, Ӏэтащхьэр и гъуэгу техьэжащ. 40Филипп Азот къалэм#8:40 Азот къалэр – Газэ къалэмрэ Иоппие къалэмрэ яку дэту хы Ӏуфэм Ӏутщ. къыщыхутащ. Кесарие къалэм#8:40 Кесарие къалэр – Ерусалим километр 90-кӀэ пэжыжьэу, и ищхъэрабгъу-кӀухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ хы Ӏуфэм Ӏуту, Палестинэ къэралым и къалэшхуэу щытащ. Рим Ӏэтащхьэр а къалэм дэсащ. нэсыху, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щахуиӀуатэурэ, къалэ псори къызэхикӀухьащ.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in