Пащтыхь Ахъийшурэщ и ужькӀэ журт Мардэхейщ пащтыхьыгъуэм нэхъ фӀэлӀыкӀ зиӀэу исар. КъызэрымыкӀуэу ину ялъытащ ар журтхэм, Ӏулыджышхуи къыхуащӀащ и лъэпкъэгъухэм. Езыри еш имыщӀэу и лъэпкъым и къэкӀуэнум щӀэбэнащ, щӀэчэ имыӀэуи абы и щхьэщыжакӀуэу щытащ.