1
Марк 2:17
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атӀэ сымаджэхэращ. Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр къезджэн папщӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ гуэныхь зыщӀэхэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкӀэщ.
Compare
Explore Марк 2:17
2
Марк 2:5
Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Си щӀалэ, уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
Explore Марк 2:5
3
Марк 2:27
Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм щэбэт махуэр цӀыхум щхьэкӀэ игъэуващ, цӀыхур щэбэт махуэм щхьэкӀэкъым къыщӀигъэщӀар.
Explore Марк 2:27
4
Марк 2:4
ЦӀыхухэр апхуэдизкӀэ Ӏувти, сымаджэр Хьисэ бгъэдахьэн яхузэфӀэкӀакъым. Апхуэдэу щыхъум, унащхьэм драхьейщ, Хьисэ здэщыӀэм деж унащхьэм щыщ трахри, сымаджэр алэрыбгъум телъу ирагъэлэлэхащ.
Explore Марк 2:4
5
Марк 2:10-11
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри, жриӀащ: – Сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.
Explore Марк 2:10-11
6
Марк 2:9
Сытыра нэхъ тыншыр: пкъыуэ хъуа лӀым, «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жепӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, ежьэж» жепӀэныра?
Explore Марк 2:9
7
Марк 2:12
ЛӀыр асыхьэтым къэтэджщ, и алэрыбгъур асыхьэтым къищтэжри, цӀыху псоми ялъагъуу, унэм щӀэкӀыжащ. Ар псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэу, икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу, жаӀащ: – Мыпхуэдэ Ӏуэху зэи тлъэгъуакъым дэ!
Explore Марк 2:12
Home
Bible
Plans
Videos