1
Маттэ 18:20
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си цӀэкӀэ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ щызэхуэскӀэ, сэри абыхэм сахэтщи.
Compare
Explore Маттэ 18:20
2
Маттэ 18:19
– Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ.
Explore Маттэ 18:19
3
Маттэ 18:2-3
Хьисэ сабий гуэр къриджэщ, яку дигъэувэри, жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Explore Маттэ 18:2-3
4
Маттэ 18:4
Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ.
Explore Маттэ 18:4
5
Маттэ 18:5
Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу.
Explore Маттэ 18:5
6
Маттэ 18:18
– Пэжыр нывжызоӀэ, щӀылъэм фэ хуит щывмыщӀыр, уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм фэ хуит щыфщӀыр, уафэми хуит щыхъунущ.
Explore Маттэ 18:18
7
Маттэ 18:35
(ИтӀанэ Исус щӀигъужащ:) – И къуэшым кърищӀар игукӀэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыӀэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур.
Explore Маттэ 18:35
8
Маттэ 18:6
– Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
Explore Маттэ 18:6
9
Маттэ 18:12
– Фэ дауэ феплърэ? Зыгуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур Ӏуащхьэм къытринэу, кӀуэуэ, а мэл кӀуэдам лъыхъуэнукъэ?
Explore Маттэ 18:12
Home
Bible
Plans
Videos