1
Иуан 15:5
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Жызумыпкъыр сэращ, къудамэхэр фэращ. ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъумэ, езыри сэ си псэм сыт щыгъуи щыщ хъумэ, а цӀыхум фӀыгъуэ куэд къыпыкӀынущ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фэ сывимыгъусэмэ, зыри фщӀэн флъэкӀынукъым.
Compare
Explore Иуан 15:5
2
Иуан 15:4
Сэ фи псэм сыт щыгъуи сыхэвгъэлъ, фэри си псэм сыт щыгъуи фыщыщынущ. Къудамэр жызумыпкъым пымытмэ, зыри къызэрыпымыкӀэнум хуэдэу, фэри фи псэм сыт щыгъуи сыхэвмыгъэлъмэ, фӀыгъуэ къыфпыкӀынукъым.
Explore Иуан 15:4
3
Иуан 15:7
Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ.
Explore Иуан 15:7
4
Иуан 15:16
Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.
Explore Иуан 15:16
5
Иуан 15:13
Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым.
Explore Иуан 15:13
6
Иуан 15:2
Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.
Explore Иуан 15:2
7
Иуан 15:12
Мыращ си унафэр: Сэ фэ фӀыуэ фызэрыслъэгъуам хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъун хуейщ.
Explore Иуан 15:12
8
Иуан 15:8
ЦӀыхухэм си Адэм щӀыхьышхуэ зэрыхуевгъэщӀынур фэ куэду фӀыгъуэ къызэрыфпыкӀыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикӀуэр.
Explore Иуан 15:8
9
Иуан 15:1
– Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ.
Explore Иуан 15:1
10
Иуан 15:6
ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.
Explore Иуан 15:6
11
Иуан 15:11
Мы Ӏуэхухэр щӀывжесӀар си гуфӀэгъуэр фигу илъыну, фи гуфӀэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкӀэщ.
Explore Иуан 15:11
12
Иуан 15:10
Фэ си унафэхэр щывгъэзащӀэкӀэ, сэ фэри сыт щыгъуи фӀыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщӀам щхьэкӀэ, абы сыт щыгъуи фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу.
Explore Иуан 15:10
13
Иуан 15:17
ФӀыуэ фызэрылъагъуну аращ унафэу фхуэсщӀыр.
Explore Иуан 15:17
14
Иуан 15:19
Фэ дунейм фыщыщу щытатэмэ, мы дунейм и цӀыхухэм езыхэм яхуэдэу фӀыуэ фыкъалъагъунт. Иджы зэрыщытымкӀэ, мы дунейм фыщыщкъым, ауэ мы дунейм фи Ӏыхьэр хэмылъыну сэ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъыхэсхащ. Аращ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу щӀэмыхъур.
Explore Иуан 15:19
Home
Bible
Plans
Videos