1
Маттэ 13:23
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
НэгъуэщӀ зыри щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэхихыу зэхэзыщӀыкӀыр. Абы фӀыгъуэ къыпокӀ, – е хуэдищэ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдэ щэщӀ.
قارن
اكتشف Маттэ 13:23
2
Маттэ 13:22
НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.
اكتشف Маттэ 13:22
3
Маттэ 13:19
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.
اكتشف Маттэ 13:19
4
Маттэ 13:20-21
Адрей цӀыхури щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхихыу, щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр. Ауэ абы игукӀэ лъабжьэ зэримыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абы гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ар.
اكتشف Маттэ 13:20-21
5
Маттэ 13:44
– Абы нэмыщӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм щыгъэпщкӀуауэ щыта мылъкушхуэр арщ. А мылъкушхуэр цӀыху гуэрым къыщигъуэтым, игъэпщкӀужщ, гуфӀэурэ кӀуэщ, иӀэ псори ищэжри, а хьэсэр къищэхуащ.
اكتشف Маттэ 13:44
6
Маттэ 13:8
А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъалъэщ, къэкӀри, щхьэмыжхэр къыпыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзищэ хъуащ, адрейр гуэдз хьэдзэ хыщӀ хъуащ, ещанэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ.
اكتشف Маттэ 13:8
7
Маттэ 13:30
ТӀури зэщӀыгъуу хэгъуэм нэсыху къызэдрекӀ. Къахыжын щыхъукӀэ, гъавэр къэзыххэм сэ яжесӀэнущ: Япэ щӀыкӀэ ежьужьыр зэхуэфхьэси, пхыр фщӀы, мафӀэкӀэ вгъэсын щхьэкӀэ; итӀанэ гуэдзыр зэхуэфхьэси, си гуэнхэм ифкӀутэ».
اكتشف Маттэ 13:30
الصفحة الرئيسية
الكتاب المقدس
خطط
فيديوهات