1
Маттэ 10:16
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Мэуэ фыкъэдаӀуэ, дыгъужьхэм мэл хуэдэ фахызогъыхьэ. Аращи, блэхэм хуэдэу Ӏущу фыщыт, гъэпцӀагъэ зыхэмылъ тхьэрыкъуэхэм ещхьу фыщыт.
قارن
اكتشف Маттэ 10:16
2
Маттэ 10:39
Ар хэтуи щрет, и псэр мыкӀуэду къызэрыригъэлыным и ужь итым и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ хэтми, сэр папщӀэкӀэ зи псэр зыфӀэкӀуэдым и псэр мыкӀуэду къригъэлынущ.
اكتشف Маттэ 10:39
3
Маттэ 10:28
Псэр зыукӀын зылъэмыкӀыу, Ӏэпкълъэпкъыр зыгъэкӀуэдхэм фащымышынэ, ауэ псэри Ӏэпкълъэпкъри жыхьэнмэм хэзыгъэкӀуэдэфынум фыщышынэ.
اكتشف Маттэ 10:28
4
Маттэ 10:38
Ар хэтуи щрет, и жорыр къищтэу си ужь къимыувэр сэ къысхуэфащэкъым.
اكتشف Маттэ 10:38
5
Маттэ 10:32-33
– Си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ. Си гъуэгу ирикӀуэхэм ящымыщу цӀыхухэм я пащхьэм щыжызыӀэ дэтхэнэри си гъуэгу ирикӀуэхэм зэращымыщыр си Адэу уафэм щыӀэм и пащхьэм сэри щыжысӀэнущ.
اكتشف Маттэ 10:32-33
6
Маттэ 10:8
Сымаджэхэр вгъэхъуж, лӀахэри къэвгъэтэджыж, уэшын уз зэфыкӀхэми а узыр ящхьэщыфх, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхэфхуж. Абы фэ пщӀэ щӀэфтакъым, фэри пщӀэ къеӀывмых.
اكتشف Маттэ 10:8
7
Маттэ 10:31
Аращи, фымышынэ. Фэ бзу цӀыкӀу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ.
اكتشف Маттэ 10:31
8
Маттэ 10:34
– ЩӀылъэм зэгурыӀуэныгъэ къыхуэсхьын щхьэкӀэ, сыкъэ-кӀуауэ фи мыгугъэ. ЗэгурыӀуэныгъэр къэсхьын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ джатэ къэсхьын папщӀэщ
اكتشف Маттэ 10:34
الصفحة الرئيسية
الكتاب المقدس
خطط
فيديوهات