1
Иуан 12:26
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.
አወዳድር
{{ጥቅስ}} ያስሱ
2
Иуан 12:25
Зи псэр фӀыуэ зылъагъум и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр мы дунейм щызылъагъу мыхъум ар игъащӀэкӀэ щыӀэну къригъэлынущ.
3
Иуан 12:24
– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, гуэдз хьэдзэр щӀым хэхуэурэ мылӀэмэ, зэрыхьэдзэу къонэж, ауэ щӀым хэхуэурэ лӀэмэ, щӀым къыхэбэгъукӀынущ.
4
Иуан 12:46
СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр кӀыфӀыгъэм къыхэмынэн щхьэкӀэ, дунейм нэхуу сыкъэкӀуащ.
5
Иуан 12:47
– Си псалъэхэр зэхэзыхыу емыдаӀуэр сэ згъэкъуэншэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и цӀыхухэр згъэкъуэншэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ ахэр мыкӀуэду къезгъэлын папщӀэщ.
6
Иуан 12:3
Нард зи цӀэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу, мэ гуакӀуэ къызыпихым щыщ зы барщыбэ къищтэщ, Хьисэ и лъакъуэхэм щихуэри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ Марфэ. Дагъэм и мэ гуакӀуэр унэм щӀэз хъуащ.
7
Иуан 12:13
Щызэхахым, пальмэ жыгым и къудамэхэр къащтэри, Хьисэ пежьэну дэкӀащ, макъ лъагэкӀэ мыр жаӀэурэ: «Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ Израил пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ!»
8
Иуан 12:23
– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ.
ቤት
መጽሐፍ ቅዱስ
እቅዶች
ቪዲዮዎች